ГЪАТХЭПЭМ и 14-Р АДЫГЭ ТХЫБЗЭМ И МАХУЭЩ.
Дэтхэнэ лъэпкъми езым и тхыбзэ иIэжыныр, абыкIэ псэуныр, Iуэху иризэрихьэу дунейм тетыныр фIыгъуэшхуэщ. ЦIыхур къызэригъэщIрэ жьэрыIуатэбзэ щыIэми, абы Iурылъ и анэдэлъхубзэр тхыгъэкIэ къигъэлъэгъуэн щыщIидза лъэхъэнэхэр лъэпкъ зэхуэмыдэхэм я дежкIэ зэмыщхьщ: хэти нэхъ пасэу тхыбзэ зригъэгъуэтащ, хэти нэхъ иужьыIуэкIэщ апхуэдэ Iэмал щигъуэтар. Адыгэхэм тхыбзэ диIэу къызэралъытэрэ илъэси 170-м нэсащ. Тхыдэ дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, 1853 гъэм гъатхэпэм (мартым) и 14-м дунейм къытехьауэ щытащ адыгэбзэкIэ тха япэ тхылъыр - «Адыгэбзэ псалъалъэр». Ар зи къалэмыпэм къыщIэкIар лъэпкъ щIэныгъэлI Бырсей Умарщ.
Адрей тхыбзэхэм еплъытмэ, адыгэ тхыбзэм къикIуа гъуэгуанэр кIыхькъым, арщхьэкIэ абы зыкIи игъэлъахъшэркъым абы и лъапIагъыр, игъэмащIэркъым и IэфIагъыр. Ди лъэпкъым бгъэдэлъ зыужьыныгъэм, щIэныгъэм, гъэсэныгъэм, щэнхабзэм я лъапсэщ ди анэдэлъхубзэр. Аращ усакIуэ гъуэзэджэ КIыщокъуэ Алим ар къэхъугъэ псоми я къежьапIэу къыщIилъытэри.
Ар псэкIэ зыхащIэу, адыгэбзэм зиужьыным, зиузэщIыным и Iуэхум сыт щыгъуи егъэпIейтей лъэпкъым и цIыху пэрытхэр. Пасэ зэманым абы елэжьахэщ лъэпкъ узэщIакIуэхэу Хъанджэрий СулътIан, Нэгумэ Шорэ, ХьэтIохъущокъуэ Къазий, Тамбий Пагуэ сымэ. Абыхэм кърахьэжьа Iуэхум пищэу, адыгэбзэм и зэфIэгъэувэным елэжьащ лъэпкъ еджагъэшхуэ Бырсей Умар. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIа, адыгэбзэкIэ тха япэ тхылъым - «Адыгэбзэ псалъалъэр», нобэрей щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, а зэманым мыхьэнэшхуэ иIащ: япэрауэ, лъэпкъым бзэ иIэу къалъытащ, етIуанэрауэ, апхуэдиз макъ зэщIэжьыуэр хьэрфхэмкIэ къэгъэлъэгъуа хъуащ.
Лъэпкъым и блэкIари, и нобэри къэзыгъэлъагъуэу, и тхыдэр, хабзэр, щэнхабзэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэзыхъумэу щыIэр тхыбзэрщи, абы сыт щыгъуи гулъытэ хуэщIыпхъэщ. Лъэпкъыбзэу щыIэхэм я нэхъыжьхэм хабжэми, ди адыгэбзэм и Iуэхуми узыгъэпIейтей куэд хэтщ. Абы и щыхьэтщ Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм (ООН-м) бзэхэм елэжь и къудамэм иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр. Абыхэм къагъэлъагъуэ адыгэбзэр зызыужь, ефIакIуэ бзэхэм зэращымыщыр. Уеблэмэ, ар зыхэт абхъаз-адыгэ бзэ гупым хыхьэхэм ящыщ гуэрхэр Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм я Тхылъ Плъыжьым иратхащ.
Бзэм хуэфэщэн пщIэрэ гулъытэрэ иIэн папщIэ, адыгэу дунейм тетым ди лъэпкъ зэгухьэныгъэ нэхъ ин дыдэм - Дунейпсо Адыгэ Хасэм - илъэс I9 ипэкIэ, 2003 гъэм, абы теухуа унафэ щхьэхуэ къищтащ икIи абы лъандэрэ илъэс къэс гъатхэпэм и I4-м Адыгэ тхыбзэм и махуэр ягъэлъапIэ. Ди анэдэлъхубзэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэхъумэнымкIэ ари зы хэкIыпIэщ, зы Iэмалщ.
«Ухыгъэмрэ къэхъугъэмрэ зи Iэмырым солъэIу анэдэлъхубзэм хузиIа лъагъуныгъэр здэзыгуэшын щIэблэ си ужь къихъуэну», - адыгэбзэм хуиIэ лъагъуныгъэшхуэр гум къиIукI апхуэдэ псалъэхэмкIэ къигъэлъэгъуауэ щытащ адыгэ еджагъэшхуэ Нэгумэ Шорэ. Лъэпкъым хуэгъэпса апхуэдэ хъуэпсапIэ дэтхэнэ адыгэми дигу илъын хуейщ, бзэр тIэщIэкIмэ, лъэпкъкIуэдыр къытхуэкIуэнкIэ зэрыхъунур тщIэжу.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Негізгі бет Адыгэбзэр хъумэныр Къэбэрдей-Балкъэр къэралыгуэм и къэлэн нэхъыщхьэу щытын хуейщ
Пікірлер: 20