Söz_ Müzik Kuşha Robert
Псалэлэрэ Макъамэр зэрытхар Къущхьэ Робэртс.
Müzik Aletleri Çalanlar , Ha'upe anzor, Yewaz Zuber, Rami Daroka
Мэкъамэ Ӏэмэпсымэ Еуахэр ХьэIупэ Анзоррэ Эуаз Зубэрс , Дпрокъуэ Рами
КЪУЩХЬЭ РОБЕРТ
Сытетщ, сыхигъащ1эу гупсысэм, Хы ф1ыц1эм и нэпкъым.
Къыщ1ок1ыр слъэмык1ыу си нэпсыр, к1эзызу 1эпкълъэпкъыр.
Си гущ1эр хуэхыщ1эу бэлыхьу телъахэм си лъэпкъым.
Ежьу:
Гуауэщ, зэманым игъэвхэм щымыщу ар псоми ди гуауэщ.
Зауэщ, толъкъунхэм сыщеплък1э си нэгум къыщ1ыхьэр сэ зауэщ.
Лъэпкъым и гъыбзэ сэ хым къыхэ1ук1ыу къысф1ощ1.
Сабий гъы макъхэр зэщыджэу а гъыбзэм къыхощ.
Сощ1э хэт дэнэ щыпсэуми, дэ ди псэхэр псоми зэрощ1э.
Ди япэ итахэми я псэр щ1атар зэхыдощ1э.
Хэкужьым щ1эхъуэпсу хамэщ1ым щыпсэухэм хэхэсу
Я гущ1эм щыщ1ахэр ужьыхыркъым нобэр къыздэсым.
Зауэр... Иухмэ зауэр, зэбий зыхуэхъуахэр зок1ужыр,
Зэтеплъэ мыхъуахэм хуэм-хуэму я губжьыр тоужыр.
1эпкълъэпкъыр у1эгъэ ящ1амэ - зэманк1э мэк1ыжыр.
Си лъэпкъыу псэ къабзэм телъ дыркъуэр мэуз хэмык1ыжу.
Къущхьэ Роберт
Негізгі бет ГУАУЭ - Къушхьэ Роберт
Пікірлер: 78