Къэбэрдейр Урысейм къизэуа нэужь, щIыпIэм щагъэува хабзэм еувэлIэн ямыдэу, къэбэрдеипщ- хэу Ажджэрий и къуэ Кушыкурэ Къарэмырзэ Алийрэ я цIыхухэр я гъусэу щэхуу Хэкум икIуэсыкIри, Кавказым и КъуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ Iэпхъуат, я цIыхухэмрэ езыхэмрэ нэхъ хъума хъун папщIэ. Ажджэрий Кушыку Хуарзэ псыщхьэр тIысыпIэ ищIащ, Къарэмырзэ Алий Лабэпсым зэпрыкIри, Ахъмэтыбгым щIэтIысхьащ. Кушыкупщ хуэдэу, Алии зи лIыгъэрэ зи хахуагъэкIэ цIэрыIуэ хъуа, щытхъурэ щIыхьрэ зи джатэкIэ къэзызэуа зауэлIт. Абы и гъусэу а къуажэм дэст адыгэхэм «шыщхьэмыгъазэ» зыфIаща уэркъ Щоджэн Шумахуи. Ахэр зыдэтIысхьа быдапIэм къыдэкIыурэ я дзэхэр я гъусэу пащтыхьыдзэм езауэт. Урыс пащты-хьым екIун ядэртэкъым, Тыркуми икIыну хуейтэкъым. Арати, урыс пащтыхьым и жыIэм щIэувэну хуэмей Къарэмырзэ Алий и къуажэр зэтриукIэну мурад ищIащ «генерал плъыжькIэ» адыгэхэр зэджэу щыта Вельяминов Алексей. Къарэмырзэ Алий и къуажэр а генералым зэрызэтриукIа щIыкIэр урысхэм а зэман дыдэм ятхыжауэ щытащ. Мыращ абы итыр:
«Гъатхэм зы вагъуэ закъуи къэмыблэу Кавказым къыщыхъу жэщхэм ящыщ зым, нэхъ тэмэму жытIэмэ, 1825 гъэм мэлыжьыхьым и 1-м, адыгэхэр гущIэгъуншэу зэтезыукIа Ермоловым и унафэкIэ, «генерал плъыжькIэ» адыгэхэр зэджэу щыта Вельяминовым и дзэ фIыцIэр лъэсырызекIуэу батальонищ, топ 18, кавказ лъэпкъхэм, кубань лъэпкъхэм, къазакъхэм ящыщу полкитI Псыжь зэпрыкIри, Къарэмырзэ Алий и къуажэм екIуалIэри, уэздыгъей мэзым щIэтIысхьащ. Дзэм къапэщылъ къалэ- ным хэзыщIыкIыр генерал плъыжьым и закъуэт. Ауэ Iуэхур зыте-тым дзэм хэт адыгэ зыбжанэм гу лъатащ. Дзэм загъэпсэхуу мэзым здыщIэсым адыгэхэм ящыщ зы яхэкIуэсыкIри, Алий и къуажэм кIуащ. ЦIыхухэр гъуэлъыжауэ жэщыбгым нэсри, Къарэмырзэм и щхьэгъубжэм теуIуэри, къыщIишащ.
«Сэ урысыдзэм къулыкъу щызощIэ, - жиIащ къэкIуам, - ауэ уи къуажэм дэс сабийхэмрэ цIыхубзхэмрэ сфIэгуэныхь мэхъу. Уи цIыхухэр ажалым къегъэл, нобэ е пщэдей дзэр къыфтеуэнущ. Генерал плъыжьым дзэ къывишэлIауэ уэздыгъей мэзым щIэсщ».
«Уэ ухэт, - жиIэри Алий еупщIащ а къэкIуам, - сэ беслъеней уэркъхэм сащыщщ, си цIэр Кърымджэрийщ, Дохъушокъуэхэ сарейщ. Сэ пэжыр бжесIащ, адэкIэ уэ узэрегуакIуэщ», - жиIэри IукIыжащ.
Къарэмырзэм асыхьэтым жы-лэр къызэхуишэсри, хъыбар Iейр яжриIащ. АрщхьэкIэ, «Унэхъунум и тхьэкIумэм кIий-гуо макъ иIуэжыркъым», жыхуаIэрати, лIыжьхэм ядакъым: «Апхуэдэу жаIэурэ дапщэрэ пцIыкIэ драгъэжэжьа» жари.
МыдэкIэ, Дохъушокъуэм дзэм и деж къигъэзэжа нэужь, Къарэмырзэм жриIар и фIэщ мыхъуауэ гугъэ ищIри, генералым жриIащ: «Генерал, Къарэмырзэ и къуажэм сыплъати, зыри дэсыжу слъэгъуакъым. Къэбэрдейхэр къуршым ихьэжащ», - жиIэри. Ауэ абы генералым жриIэм къедаIуэу щыт Щауэгъурым (ари адыгэу а дзэм хэтт) генералым бгъэдыхьэри, еIущэщащ: «Уи фIэщ умыщI, генерал, Дохъушокъуэм жиIэр, ар пцIыупсщ, бзэгухьщ. Сэ иджыпсту къуажэм сыкIуэнщи къэсщIэнщ», - жиIэри, шэсри Iужащ.
ЕтIуанэ махуэм и пщыхьэщхьэм Щауэгъурым къигъэзэжащ, къуажэр мыхъеяуэ и пIэм зэрисри генералым жриIащ. Дохъушо- къуэр ягъэтIысащ. А жэщ дыдэм генерал плъыжьым и къэзакъ шуудзэр Бекович-Черкасскэм и IэмыщIэ ирилъхьэри иутIыпщащ Къарэмырзэ Алий и къуажэм икIэщIыпIэкIэ нэсу ар къиувыхьыну, лъэсыдзэхэмрэ топхэмрэ нэсыху зыри къыдимыгъэкIыу иIыгъыну.
Бекович-Черкасский Фёдор Александр и къуэр адыгэпщт, Елмырзэхэ ящыщт. Беслъэн пцIап- цIэ и лIакъуэхэм къатепщIыкIат, и цIэ дыдэр Темырболэтт. Бекович-Черкасскэм Къарэмырзэм и къуажэр къиувыхьауэ нэху къекIащ.Иужь иту къакIуэ дзэхэмрэ топхэмрэ пэмыплъэу ахэр нэхущым къуажэм теуащ. Унэхэр ягъэсу, джанэ пцIанэу къыщIэкIхэр яукIыу дзэр жылэм дэзэрыгуащ. Къуа- жэм и лъэныкъуищыр дзэм яубыдати, къыдэкIыпIэ иIэтэкъым. ЕплIанэ лъэныкъуэр щыхупIэт, ищIагъым Лабэ щежэхырти, фызхэмрэ сабийхэмрэ гужьеяуэ абы елъэурэ, псым куэд итхьэлащ.
Къарэмырзэ Алий и пщIантIэм осетин майор Дадымовыр шууэ дэлъэдащ. А дакъикъэм Алий къэптал пцIанэу фоч иIыгъыу бжэщхьэIум къиувэри, тIури я фочхэмкIэ зэуащ. Майорым и шэр Алий и нэщIащэмкIэ щытехуэри, и щхьэщIыбымкIэ щыпхыкIащ, и унэми щIэукIуриежащ. Шыщхьэмыгъазэ зыфIащауэ щыта Щоджэн Шумахуэ илъэ-сищ зи ныбжь и къуэ цIыкIу Исмэхьилрэ дыщэкIэ гъэщIэрэщIа и фоч нэхъыфIымрэ къэзакъхэм яIэримыгъэхьэн папщIэ, зэкIэрипхэри ,«Алыхьталэм урианэмэтщ» жери Лабэ щхьэщыт нэпкъ задэм иридзыхащ. Къигъэзэжри и фыз уэндэгъушхуэр Iэ лъэныкъуэкIэ иIыгъыу, адреймкIэ зауэурэ къуажэм къа-щыфIыдэкIым зэдеуэхэри тIури яукIащ. Ипхъу Гуащэхъурей, зи ишэгъуэ дахэр, къэзакъхэм лей ирахри, яукIыжащ. Къэзакъхэм къуажэр ягъэсащ, цIыхухэр зэтраукIащ, мылъкур зэрапхъуащ. Iэщышхуэрэ шыуэ мини 4, гъэжауэ дыщэ, дыжьын куэд, дыщэ ахъ-шэ куэд зэрапхъуащ. ЦIыхуи 139-рэ гъэру, нэхъыбэр сабий- рэ цIыхуб зу, лIыжь-фызыжьу яубыдри, сэлэтхэм пщылIу хуагуэшащ.
ЕтIуанэ махуэм къуажэ гъунэгъухэр къызэхуэсри, хьэдэ ми- ным щIигъу щIалъхьащ. Беко- вич-Черкасскэм и дзэр щIыпIэ шынагъуэм къикIыжа къудейуэ Къейтыкъуэ Жамболэтрэ Ажджэрий Кушыкурэ я дзэхэр я гъусэу къэсат, арщхьэкIэ къуажэм сахуэ фIэкIа зыри къыхэнэжатэкъым.
adyghepsale.ru/...
Негізгі бет Лабэ Дэсхэм я Гъыбзэ - Хьэжрэт Адыгэхэр - Hajret Adıgeleri
Пікірлер: 22